ЩIыхуэ ттелъкъым. Тхьэмахуэ кIуам, Правительствэм и Унэм деж, республикэм улахуэхэр зэратымрэ гуащIэдэкI зэхущытыкIэмрэкIэ комиссым и зэIущIэ щекIуэкIащ



Дата01.07.2016
өлшемі23.12 Kb.
#171330
ЩIыхуэ ттелъкъым.
Тхьэмахуэ кIуам, Правительствэм и Унэм деж, республикэм улахуэхэр зэратымрэ гуащIэдэкI зэхущытыкIэмрэкIэ комиссым и зэIущIэ щекIуэкIащ. Абы хэтащ Къэрэшей-Черкесым и Правительствэм и тхьэмадэм и къуэдзэ Суюнов Джанибек, гуащIэдэкIымрэ цIыхухэр лэжьапIэ IугъэхьэнымрэкIэ Федеральнэ къулыкъум и унафэщIым и къуэдзэ Шкловцов Иван, республикэм и хьэкълыкъ управленэм, Пенсэ фондым, профсоюзхэм я зэгухьэеыгъэм я лIыкIуэхэр.

Ахэр хэплъащ Урысейм и Президентым и «май» Унафэхэр хэгъуэгум гъэзэщIа зэрыщыхъум. Мы упщIэмкIэ доклад къищIащ Кърэшей-Черкесым гуащIэдэкIымрэ социальнэ зыужьыныгъэмрэкIэ и министр Баскаев Роман. Ар къытепсэлъыхьащ «О мероприятиях по реализации государственной социальной политики» жыхуиIэу Президентым и Унафэр зэрагъэзэщIэну планхэр зэрызэхагъэувам. Ахэр яхуэгъэзащ егъэджэныгъэм, узыншагъэр хъумэным, щэнхабзэм, цIыхухэм социальнэ дэIэпыкъуныгъэ ягъэгъуэтыным. АбыкIэ ехъулIэныгъэр зыIэрагъэхьэн мурадкIэ КъЧР-м и Правительствэм мызэ-мытIэу унафэ къыхьащ лэжьакIуэ щхьэхуэхэм я улахуэр хэгъэхъуэным ехьэлIауэ.

-ЦIыхухэр социальнэ и лъэныкъуэкIэ хъумэным теухуауэ Урысейм и Президент Путин Владимир къихьа Унафэр гъэзэщIа хъун папщIэ, 2013 гъэм улахуэхэр хэдгъэхъуэн мурадкIэ республикэ бюджетым сом мелуан 11,9-рэ дэщIыдгъужащ. Къинэмыликэм социальнэ лъэныкъуэм и лэжьакIуи 179-м я щIэныгъэм хагъэхъуащ. «Дорожнэ картэ» жыхуиIэм ипкъ иткIэ, цIыхухэм социальнэ дэIэпыкъуныгъэ языгъэгъуэт IуэхущIапIэхэм щылажьэхэу илъэсым зи щIэныгъэ хэзыгъахъуэхэр процент 30-м нэдгъэсын ди мурадщ, - жиIащ Баскаевым.

Абы и къэпсэлъэныгъэм къызэрыхигъэщамкIэ, медицинэм и лэжьакIуэхэм я улахуэр хагъэхъуэн хьисэпкIэ 2013 гъэм сом мелуан 225,5-рэ дащIыгъужащ.

ИужькIэ «дорожнэ картэр» гъэзэщIэным елэжь министрхэр къэпсэлъащ. Абыхэм жаIащ мы Iуэхугъуэр КъЧР-м и Iэтащхьэ Темрезов Рэшид ткIийуэ и нэIэм зэрыщIигъэтыр.

ЗэIущIэм щыхэплъащ нэгъуэщI упщIэхэми. Апхуэдэщ езы комиссым и лэжьыгъэм теухуар. КъызэрыхагъэщамкIэ, Къэрэшей-Черкесым и бюджет къулыкъущIапIэхэм я лэжьакIуэхэм, псом хуэмыдэу, дохутырхэм, егъэджакIэхэм, социальнэ, щэнхабзэ лэжьакIуэхэм я улахуэм ехьэлIауэ щIыхуэ ятелъкъым. А упщIэмкIэ къэпсэлъащ республикэм гуащIэдэкIымкIэ и къэрал инспекцэм и унафэщI Деккушев Руслан. Абы жиIащ нэгъабэ улахуэхэр зэратым ехьэлIауэ предприятэ зэхуэмыдэхэм щIэплъыкIыныгъэу 269-рэ зэрыщрагъэкIуэкIар икIи къыщIагъэща ныкъусаныгъэхэр лэжьапIэтхэм зэрызэрагъэгъэзэхуэжар.

Суюнов Джанибек жиIащ гуащIэдэкI зэхущытыкIэр республикэм и унафэщIхэм сыт щыгъуи я нэIэм зэрыщIагъэтыр.

ЗэIущIэм и кIэм Шкловец Иван жиIащ лэжьакIуэхэм я щIыхуэ предприятэхэм зытрагъэхуэнкIэ Iэмал зэримыIэр, а Iуэхугъуэр фIагъ хэлъу къызэрызэгъэпэщыпхъэр.



-Хэгъуэгу комиссым и лэжьыгъэр нэхъри щIигъэхуэбжьэн, упщIэ къыхэдгъэщахэр къыкIэлъыкIуэ зэIущIэхэм къыщыфIэтын хуейщ. ГуащIэдэкIымкIэ Федеральнэ агентствэр хьэзырщ фызыхуэныкъуэ хъыбархэмкIэ фыкъызэригъэпэщыну. Хьэкълыкъ зымытхэм, хабзэм емызэгъыу цIыхухэм лэжьапIэ язытхэм ехьэлIауэ сыт хуэдэ хъыбарри щIэфплъыкIын хуейщ, - жиIащ Шкловец Иван.

Достарыңызбен бөлісу:




©dereksiz.org 2024
әкімшілігінің қараңыз

    Басты бет