Алыхьым – Зи гущIэгъур гъунапкъэншэм, ГущIэгъулы и ГущIэгъулыжым – и цIэкIэ!



Дата01.07.2016
өлшемі100.41 Kb.
#171331




Алыхьым – Зи гущIэгъур гъунапкъэншэм, ГущIэгъулы и ГущIэгъулыжым – и цIэкIэ!
ФIыщIэр ейщ Аллаху ТэгIалам, дунейхэм я Тхьэм, щыIэу хъуар КъэзыгъэщIам, ауэ Езыр Закъуэу, зыми къимыгъэщIауэ, пэщIэдзи кIэухи имыIэу ЩыIэм, гъусэ ЗимыIэм!

Щэлэуат къыхузохь Мухьэммэд Бегъымбар лъапIэм, Алыхьым и нэфIыр зыщыхуэу, хъуэхъум я нэхъыфIыр зылъысыным. СолъэIу Алыхьым ар къызэригъэгугъа Уэсилэр къритыну, апхуэдэуи солъэIу абы и унагъуэм исахэм, и Iыхьлыхэм, абы и гъуэгур къыхэзыхыу ирикIуахэм, нобэ ирикIуэхэми Алыхьым и ГущIэгъумрэ и ФIыгъуэмрэ жумарту къалъигъэсыну!


Сэ – Алыхьым и пщылI _________________________________________

____________________________________________________________________

____________________________________________________________________

____________________________________________________________________



(унэцIэр, цIэр, адэцIэр, къыщалъхуа зэманыр, щIыпIэр, щыпэсэур)

мыр уэсяту къызогъанэ.


ФIыщIэри Щытхъури ейщ Алыхь Иным – цIыхуу сыкъэзыгъэщIам, Ислъамыр дину къызбгъэдэзылъхьам, си акъыл зэтесу нобэ сыкъэзыгъэсам, уэсят къэсщIыжыну лъэкIыныгъэ къызэзытам!

Нэсу щыхьэт сытохъуэ Алыхьыр Зэрызакъуэм, гъусэ лъэпкъи ЗэримыIэм, апхуэдэ дыдэуи щыхьэт сытохъуэ Мухьэммэд Абы зэрипщылIым икIи зэрилIыкIуэм.

Шэч лъэпкъ хэмылъу сэ щыхьэт сытохъуэ Алыхьым дыкъызэригъэщIам, дызэригъэлIэжынум, аргуэруи дыкъызэригъэхъужынум, апхуэдэ дыдэуи щыхьэт сытохъуэ Жэнэтыр зэрыхьэкъым, Жэхьэнэмэ МафIэри зэрыхьэкъым, Къемэт Махуэри зэрыщыIэнум, кхъэм щIэлъхэри къызэригъэтэджыжынум, жэуапи зэрыдигъэхьыжынум.

Мы зи гугъу сщIахэм епха шынагъэр зэхэсщIэу икIи сригузавэу, Алыхь Иным солъэIу къызэрысхуэупса фIыгъуэр икIэм схунигъэсыну, Езым сызэришэлIэжыхукIэ къызитар сIэщIимыхыжыну.

КъурIэн лъапIэм Алыхьым къыщытхуищI унафэр – "Фхуиухащ фэ фылIэн ипэкIэ уэсят къэфщIыжыну…" жыхуиIэр зэрызгъэзэщIэным сыхущIэкъуу, Бегъымбар лъапIэм, Алыхьым и нэфIыр зыщыхуэу, хъуэхъум я нэхъыфIыр зылъысыным, и Суннэм сытету, сяужь къинэхэм мыр си уэсяту къыфхузогъанэ:
1. Си бынхэм, си Iыхьлыхэм, си благъэхэм, си унафэ къедаIуэхэм яхуэгъэзауэ си уэсятщ Ибраhим бегъымбарымрэ ЕгIкъуб бегъымбарымрэ я бынхэм уэсяту къыхуагъэнар: "Уа си бынхэ, Алыхьым къыфхухихащ (Ислъам) динри, муслъымэну фIэкIа фымылIэж!".

- Къэзгъэлъэгъуахэм уэсят къахузощI Алыхьым ипэжыпIэкIэ щышынэнхэу! Я щэхукIи, я нахуэкIи; я псалъэкIи, я лэжьыгъэкIи Алыхьым едэIуэнхэу.

- Алыхьым жыIэдаIуэ хуэхъуам Алыхьым къалэн къыщищIхэр псори игъэзэщIэн хуейщи, я нэхъ ткIийм – нэмэзым – къыщыщIэдзауэ, щхьэзыфIэфIагърэ зэрегуэкIуагърэ хэвмылъхьэу, гурэ псэк1э фегугъуу ДыкъэзыгъэщIам и унафэхэр вгъэзэщIэну си уэсятщ.

- Алыхьым едэIуэным хуэмыныкъуэ зыри щыIэкъым. ШейтIаныр зытевгъакIуэу, дуней нэпцIым зыдевмыгъэхьэх, дунейм зыдевгъэхьэхыу, зывмыгъэунэхъуж – лъапIэр кIэ зимыIэжыну Ахърэтырщ!

Мыри къыхэзгъэщынут: сэ си уэсятым ущие хэтын хуейуэ къызолъытэри, сыхуейщ Алыхьым Iущагъышхуэ зыбгъэдилъхьа Лукъман и щIалэм зэреущияр кIэщI-кIэщIурэ фигу къэвгъэкIыжыну. Ар итщ КъурIэным и 31-нэ сурэм, "Лукъман" зи фIэщыгъэцIэм. Мис а ущие лъапIэхэр:

" – Уэ, си щIалэ, Алыхьым гъусэ хуумыщI, ипэжыпIэкIэ (Абы) гъусэ хуэщIыныр къуаншагъэ ин дыдэщ.



- Уэ, си щIалэ, (гуэныхьыр) мэскъал фIэкIа мыхъуу къуршым илъми, уафэхэм яхэлъми, щIым щIэлъми, ар Алыхьым наIуэ къищIыжынущ. ИпэжыпIэкIэ Алыхьыр ЛэтIифщ1, Щыгъуазэщ сытми.

- Уэ, си щIалэ, нэмэзыр щIы, (цIыхури) фIым хуеджэ, Iеягъэр яхуумыдэ, къыпщыщIри зыхуэгъэшэч, ипэжыпIэкIэ ахэр унафэ ткIийхэм ящыщщ.

- ЦIыхухэм IупщIэ яхуумыщI, щIым зыбгъэину утемыт, ипэжыпIэкIэ Алыхьым фIыуэ илъагъуркъым хэт и пагэ щхьэщытхъури.

- Iэдэбу зекIуэ, уи макъми зомыгъэIэт, макъым я нэхъ Iейр шыдхэм я кIий макъырщ".
2. Си акъылыр зэтесу, си щхьэ и унафэ сщIыжынуи сыхуиту, мылъкуу зэзгъэпэщам сызэрыхуейм хуэдэу, ауэ шэригIэтым къызэригъэувым семыбакъуэу, сыхэплъэну щысхузэфIэкI щытыкIэм ситу мы къэзгъэлъагъуэхэмкIэ уэсят къызощIыж:

  • Сэ мыпхуэдиз мылъку збгъэдэлъщ:

Ахъшэу – ………………………………………………………….........

Дыщэу – ………………………………………………………………..

Iэщу – …………………………………………………………………..

Псэуалъэу – ……………………………………………………………

МэкъумэшщIапIэу – …………………………………………………...

(НэгъуэщI къинэмыщIхэр):

……………………………………………………………………………………………………………………………………………………………………………………………………………………………………………………………………………………………………………………………………………………………………………………………………………………………………………………………………………………………………………………………………………………………

…………………………………………………………………………

…………………………………………………………………………

…………………………………………………………………………

…………………………………………………………………………

…………………………………………………………………………

…………………………………………………………………………

…………………………………………………………………………

…………………………………………………………………………

…………………………………………………………………………

…………………………………………………………………………

…………………………………………………………………………

…………………………………………………………………………


  • Си уэсятщ си мылъкур КъурIэнымрэ Суннэмрэ тету ягуэшыжыну. Дин щIэныгъэ зыбгъэдэлъу Алыхьым фIэлIыкIым Iуэхур бгъэдалъхьэу, абы унафэ ирагъэщIыну, а унафэри текI имыIэу ягъэзэщIэну.




  • Си уэсятщ жэназы нэмэзым ипэ къихуэу, икIи си мылъкум зыри хэмыIэбэ щIыкIэ, щIыхуэу стелъыр япшыныжыну, си пщэм анэмэту къыдэхуахэр зейхэм Iэрагъэхьэжыну.

    1. Сэ зызоумысыж икIи къызогъэнаIуэ щIыхуэу мыпхуэдиз ………………………………………………………….

…………………………………........................................................ …………………………………………………………...………………………………………………….……….…………………………………………………... (зыхуэдизыр етх) мыпхуэдэм …...……………………………………….......................................... ………………………… ейуэ (хэтми къегъэлъагъуэ);

мыпхуэдэ щхьэусыгъуэкIэ …………………………………… ……………………………………………………………...…….…………………………. (щхьэусыгъуэр етх) мыпхуэдэ зэманым ………………………………. къеIысхауэ (зэманыр къегъэлъагъуэ) зэрыстелъымкIэ.

Абы нэмыщIкIэ нэгъуэщI щIыхуи стелъщ ……. ……………………………………………………………………………………………………………………………………………………………………………………………………………………………………………………………………………………………………………………………………………………………………………………………………………………………………………………………………………………………………………………………………………………………………………………………………………………………………………………………………………………………………………………………………...................

(къегъэлъагъуэ нэгъуэщI щIыхуэ лIэужьыгъуэхэри, телъу щытмэ).
б) Мыпхуэдэм …………………………………………................

……………………………………………………………………. (зыритыжын хуейр етх гурыIуэгъуэу) етыжын хуейуэ, анэмэту мыхэр …………………………………………………..

……………………………………………………………………..

……………………………………………………………………..

……………………………………………………………………..

……………………………………………………………………..

……………………………………………………………………..

……………………………………………………………………..



си деж щыIэщ (къегъэлъагъуэ щыIэхэр).


  • Уэсят къызощIыж псом япэу си мылъкур, хуей хъууэ щытмэ, трагъэкIуэдэну си джэбыным, хьэдэр хьэзыр хъуным епха Iуэхугъуэхэм. Iисрафи ямыщIу, къузгъунагъи хамылъхьэу, атIэ дин щIэныгъэлIхэм ечэнджэщауэ, Бегъымбар лъапIэм, Алыхьым и нэфIыр зыщыхуэу, хъуэхъум я нэхъыфIыр зылъысыным, и Суннэм тету.

3. Сэ сысейуэ, си хьэкъыу, щIыхуэу телъщ мопхуэдэм ……………………………………………………………………………..

……………………………………………………………………………..

(къегъэлъагъуэ зэхэщIыкIыгъуэу) мыпхуэдиз …………………………

…………………………………………………………………………….

…………………………………………………………..…………………

(щIыхуэ лIэужьыгъуэр зыхуэдизри къегъэлъагъуэ) мыпхуэдэ щхьэусыгъуэкIэ …………………………………………………………

…………………………………………………………………….…….………………………………………………………………………………..



сIихауэ (щхьэусыгъуэу щIритар етх), мыпхуэдэ …………..…………

……………………………………………………………………………..



пIалъэм къызитыжыну зэдухылIат (къыщритыжын хуей пIалъэр къегъэлъагъуэ).
4. Уэсят къызощIыж Ислъам диным щымыщу къыхахьахэр е абы имыгъэдэхахэр си хьэдэм ирамыщIэкIыну:

    • гъы-бжэхэр щамыгъэIэну;

    • "деур" жыхуаIэу кърагъэкIуэкIыр ямыщIыну;

    • си хьэдэр куэдрэ ирамыгъэлъу щIалъхьэну, абы ипкъ иткIи жэназым епхауэ зэгъэщIапхъэхэм псынщIэу хъыбар лъагъэIэсыну, мащэр епIэщIэкIыу къатIыну, си хьэдэр апщIондэхукIэ ягъэпскIыну, щIыхуэ стелъмэ, мы уэсятым къыщыгъэлъэгъуауэ щытынущи, жэназы нэмэзым ипэ къихуэу, ар стекIыжауэ, абыкIи къабзэ сыхъужауэ щытыну;

    • си хьэдэр гъэпскIын, мащэр къэтIын Iуэхугъуэхэр псапэ къэхьыпIэщи, ахэр си бынхэм, Iыхьлыхэм, благъэхэм, ныбжьэгъухэм зыIэщIамыгъэкIмэ, нэхъыфIщ, муслъымэным и хьэдэр ахъшэ щIату нэгъуэщI зыгуэрхэм зэрырагъэхьэныр емыкIущ;

    • си хьэдэр кхъэм щахькIэ, еужьэрэкIыу, лъэбакъуэ псынщIэкIэ яхьыну;

    • Си мащэр щагъэбыдэжкIэ, туф, блок е нэгъуэщI гуэрхэр куэду иралъхьэу, Суннэм къемызэгъыу си кхъащхьэр лъагэ ямыщIыну, зэрыхъукIэ ятIэ чырбыш къагъэсэбэпыну, ари Iэмал зэриIэкIэ мыкуэду.

    • СыныволъэIу сыщIэфлъхьа нэужь, псынщIэу кхъэм фыкъыдэмыкIыжыну, атIэ фетIысэхыу зы Iэщ пIащэ яукIыу зэIахыху хуэдиз пIалъэкIэ си кхъащхьэм фыбгъэдэсыжыну, фысхуэлъэIуэну, аращ сэ яужь дыдэу гугъу фыкъызэрыздехьыжынур, а дакъикъэхэр хуабжьу шынагъуэщ лIам дежкIэ.

5. ГузэвакIуэ къакIуэхэм зыми зы кIэпIейкIи къыIамыхыну;


6. Нэщхъеягъэ махуищым (абы иужькIи) Iэщ укIынри, цIыху къекIуалIэхэр гъэшхэнри, щамыгъэIэну.
7. "КъурIэнаджэ" жаIэу ящIыр схуамыщIыну. Сэ фIыуэ сыкъэзылъагъум зыщ сызэрелъэIур – дугIэ схуищIу Алыхьым схуелъэIуну.
8. Сын схуагъэувынур лъахъшэу, къызэрыгуэкI дыдэу щытыну, си унэцIэ, си цIэ, адэцIэ, сыкъыщалъхуа, сыщылIэжа фIэкI нэгъуэщI темыту. Ар мывэ мыин дыдэми, пхъэ кIапэми, гъущIыжь кIапэми, хъунущ, абы къалэну иIэнур зы закъуэщ – си кхъащхьэр кърацIыхужынырщ.
9. Щыгъын къысщIэнахэр, си фэеплъыр зыфIэдахэхэм адэкIэ ягъэлажьэмэ нэхъыфIщ, щыщIатIагъэкIэ ягу сыкъэкIыжрэ зи мыхъуми схуэлъаIуэу, ар мыхъумэ, мэжджытым етыжамэ, нэхъ тэмэмщ, абы хуэныкъуэхэр щыIэнущ.

10. Махуи 3 фIэкIа зыри щIысхуэщыгъуэн щыIэкъым, махуэ еплIанэм деж щегъэжьауэ псори – си бынхэм я деж къыщыщIэдзауэ – я Iуэху яужь ирехьэж, ауэ си щхьэгъусэр схуэщыгъуэн хуейщ мази 4-рэ махуи 10-кIэ. Ар КъурIэным Алыхьым щищIа унафэщи, ткIийщ, Iэмал имыIэу гъэзэщIэн хуейщ. Абы щыгъуэми а зэманым ар унагъуэм исын хуейщ, цIыхухэм яхэмыхьэу, а пIалъэр зэрыдэкIыу, адэкIэ ар хуитщ, хуейуэ щытмэ, дэкIуэжыну.


11. Схуэщыгъуэхэм щыгъын фIыцIэ щатIэгъэну е нэгъуэщI гуэркIэ я теплъэр къыхагъэщыну сыхуейкъым, Суннэм къезэгъыркъыми.
12. Си мылъкум и Iыхьэ щанэм (1\3) – унафэ зытесщIыхьыну сызыхуитым – къыхахыу, мыхэр схуагъэзэщIэну си уэсятщ. (Псалъэм папщIэ къэбгъэлъагъуэ хъунущ мыпхуэдэхэр:

- хьэж схуащIыну, гIумрэ (хьэж цIыкIу) схуащIыну;

- мыпхуэдиз ахъшэ ………………………………………………………..

……………………………………………………………………................

……………………………………………………………………………... мэжджыт щIыным е нэгъуэщI псапэ Iуэху гуэрхэм халъхьэну;

- мыпхуэдиз ахъшэ ………………………………………………………..

……………………………………………………………………................

……………………………………………………………………................

тхьэмыщкIэхэм, зеиншэхэм ятын;

- ШэригIэткIэ си щIэиныр зылъысынухэм зэращымыщым къыхэкIкIэ, мопхуэдэ цIыхухъум ……………………………………………………...

………………………………………………………………………………

……………………………………………………………………................

цIыхубзым …………………………………………………………………

……………………………………………………………………................

……………………………………………………………………................

мыпхуэдиз ахъшэ ……….……………………. ятын.

- Ислъам диным ехьэлIауэ тхылъ, кIэзет къыдэзыгъэкIхэм, аудио-видеокассетэхэр, дискхэр зыгъэхьэзырхэм мыпхуэдиз ахъшэ ………………………………………………………………………………

……………………………………………………………………................

……………………………………………………………………................

ятын).
13. Iыхьэ щанэр (1\3) къызыхаха си мылъкум щыщу къэна адрей IыхьитIыр (2\3) Алыхьым унафэ зэрищIам хуэдэу зылъысыпхъэхэм хэт сыт лъысын хуейми яхуэгуэшын. Мыбдеж КъурIэнымрэ Суннэмрэ тэмэму утетын щхьэкIэ, щIэин гуэшыным и хабзэхэр фIыуэ зыщIэ муслъымэн пэжым икIи захуэрыгъуазэм унафэ егъэщIын хуейщ, абы ищI унафэр текI имыIэуи гъэзэщIэн хуейщ.


14. Мы уэсят къэсщIыжар къэт щымыIэу, хуэсакъыпэу игъэзэщIэну мыпхуэдэм ………………………………………........................................

……………………………………………………………………................



(етх абы и унэцIэр, и цIэр, и адэцIэр) и пщэ изолъхьэ. Сэ си пащхьэм иту абы а къалэныр игъэзэщIэну къабыл ищIащ, и пщэ дилъхьэжащ.
Си уэсятщ Алыхьым и фIэлIыкIыныгъэм тещIыхьауэ, Бегъымбар лъапIэм, Алыхьым и нэфIыр зыщыхуэу, хъуэхъум я нэхъыфIыр зылъысыным, къытхуигъэна Суннэм тету, ШэригIэтым зэрыщыубзыхуам техуэу щытын папщIэ, абы ит Iуэхугъуэхэр си уэчылым щигъэзащIэкIэ, Ислъам дин щIэныгъэлIхэм ечэнджэщыну. Пэжым иригъуэзауэ абы ар щигъэзащIэкIэ, фыпэрымыуэ, зэрани фыхуэмыхъу. Хэт зэран хуэхъуми сыхуэарэзыкъым!
15. Мы уэсятым щыхьэт техъуащ мыхэр:

  1. _______________________________________________________

(унэцIэр, цIэр, адэцIэр)

2. _______________________________________________________________________________________________________________



(унэцIэр, цIэр, адэцIэр)

16. Иужь дыдэу. Си уэсятым и кIэухыу си щхьэм щхьэкIи, си адэ-анэм щхьэкIи, си унагъуэм исхэм щхьэкIи, къыздалъхуахэм щхьэкIи, зи хьэкъ стелъ дэтхэнэ зым щхьэкIи, муслъымэну щыIэу хъуам щхьэкIи Алыхьым солъэIу Абы дыкъилъагъуну Езыр зэрыхуеям хуэдэ дищIыну. Алыхьыр псори ЗыщIэщ, Зэхэзыхщ, лъэIум жэуап Езытщ.

Уэ, Алыхь, сынолъэIу уи гущIэгъур мы дунейми, адрей дунейми жумарту къыщытлъыбгъэIэсыну, ЖэнэткIэ укъытхуэупсэну!

КъызэзнэкI псоми фхуэгъэзауэ Алыхь Иным солъэIу си ужьыр махуэ фхуищIыну!


Уэсятыр ятхащ мыпхуэдэ ……………. махуэм, …………………….. мазэм, ……………… гъэм хьиджрэмкIэ, ……………… гъэм миладымкIэ).
Иужь дыдэу уэсятым сыхэплъэжащ …………. махуэм, ……………. мазэм, ………….. гъэм.
_________________________ Iэ щIэдзыжын.

* Уэсятыр махуищ къэс зэ къэщтауэ еплъыжамэ, нэхъыфIщ, зэхъуэкIыныгъэ гуэрхэр игъуэтрэ имыгъуэтрэ къэлъытауэ.

Гу зылъытапхъэ:

      1. КъэувыIэпIэ къэс иптхэхэр зэхэхауэ, гурыIуэгъуэу птхын хуейщ, иужькIэ, уэсятыр щагъэзащIэкIэ, мыгурыIуэгъуэ къыхэмыкIыжын папщIэ.

      2. КъызэнэкIын хуейр уи щхьэми, уи ужь къинэхэми фи сэбэп зыхэлъ уэсятщ. Муслъымэным уэсят къищIын хуейкъым диным къемызэгъхэр, къищIыпауэ щытми, апхуэдэхэр ягъэзащIэркъым.

      3. ТригъэкIыжын хуейуэ пIалъэкIэ иритхэхэр къэрэндащкIэ тхамэ нэхъыфIщ.



ФIыщIэр зейр Алыхьырщ, дунейуэ щыIэхэм я Тхьэрщ!


1 ЛэтIиф: Алыхьым и ЦIэ ЛъапIэхэм ящыщщ. КъикIыр – зи IуэхущIафэкIэ щабагъэ зыхэлъ, хъер зыхэлъым и пэжыпIэ дыдэр зыщIэу, ар къигъэщIахэм ялъэзыгъэIэс, жыхуиIэщ. Ибн Iэл-Iэсир "Iэн-Нихае фи гъэриб Iэл-Хьэдис".



Достарыңызбен бөлісу:




©dereksiz.org 2024
әкімшілігінің қараңыз

    Басты бет