Прохладненского муниципального района Кабардино-Балкарской республики Мои идеалы в литературе, искусстве, окружающей жизни.



Дата01.07.2016
өлшемі79.69 Kb.
#171328
Муниципальное казенное общеобразовательное учреждение

«Средняя общеобразовательная школа №2 с.Карагач»

Прохладненского муниципального района

Кабардино-Балкарской республики

Мои идеалы – в литературе, искусстве, окружающей жизни.

(конкурсная работа в номинации "Литературное творчество")

Работу выполнил – Танов Анзор

ученик 9 класса

Руководитель – Пшукова Рита Галиевна

учитель высшей категории

Февраль 2013

Л1ы махуэ лъэпкъым къыхэхъук1мэ, И напщ1э телъыр лъэпкъ дамыгъэщ.

К1ыщокъуэ Алим.

Сэ сызытепсэлъыхьыну ц1ыху уардэм теухуауэ икъук1э гугъущ зыгуэр щ1эуэ къэбгъуэту птхыну, сыту жып1эмэ абы хужамы1а псалъэф1рэ, абы теухуауэ тхыгъэ дахэхэр зимы1э усак1уэ, тхак1уэ, журналист щы1эу къыщ1эк1ынкъым.



«Къуршыбгъэхэм я абгъуэхэр къыр лъагэхэм щащ1 хабзэщ. Апхуэдэу Алим и гъащ1э къуэпск1э япыщ1ащ зи жьауэм къыщ1эхъук1а къуршхэм, адэжь щ1ыналъэм. Ауэ, къуршхэм ялъэгэк1ыу за1этри, абы и усыгъэм хэкум и гъунапкъэхэр зэпаупщ1ащ, дунейр зэлъащ1ысащ. Л1ыф1ымрэ шыф1ымрэ зэрызэхуэфащэм хуэдэу, Алимрэ ар къэзылъхуа лъэпкъымрэ зэхуэфащэщ». Мыр зи псалъэхэр Ахматовэ Раисэщ, ауэ сэ си гум къипсэлъык1а хуэдэу си гупсысэр къи1уэтащ.

Сэ срогушхуэ сыщалъхуа щ1ыналъэм и теплъэ дахэм, сыкъызыхэк1а лъэпкъым и 1ущыгъэм, псы уэрым ещхь си лъэпкъыбзэм ик1и къызгуро1уэ, уи адэжь щ1ыналъэм нэхъ лъап1э, нэхъыф1 зэрыщымы1эр зыхэпщ1эфу, абы 1уэху щхьэпэ хуэблэжьыфу, анэм къып1урилъхьа бзэр бгъэбзэрабзэрэ къыпщ1эхъуэ щ1эблэм ар 1эщ1ыб ищ1 зэрымыхъунур нэсу къыгурыбгъэ1уэфу упсэуныр насыпышхуэу зэрыщытыр.

Зи гугъу сщ1ы 1уэхугъуэхэм я ф1агъыр сэ ф1ы дыдэу зыхызигъэщ1эн лъэк1ащ сыт и лъэныкъуэк1и си дежк1э щапхъэ нэсу щыт К1ыщокъуэ Алим: ц1ыхугъэ нэск1э, лэжьыгъэ хьэлэлк1э, лъэпкъым хуи1э лъагъуныгъэ мыухыжк1э.

Сэ сызэрыщыгъуазэмк1э, прозэ и лъэныкъуэк1э, адыгэ лъэпкъым и тхыдэм щыщ 1уэхугъуэхэр къыщигъэлъэгъуэжа, гъащ1эм щыпашэ ц1ыхухэм я 1уэхущ1афэхэр на1уэ пщызыщ1, «дыгъуасэм» щыпсэуа лъэпкъым хэлъа хабзэмрэ нэмысымрэ, ц1ыхугъэмрэ гущ1эгъумрэ теухуа тхыгъэ купщ1аф1э куэд итхащ а тхак1уэ щэджащэм. Апхуэдэщ К1ыщокъуэ Алим и 1эдакъэщ1эк1хэу ди лъэпкъымрэ ди литературэмрэ я ц1эр ф1ык1э жыжьэ зыгъэ1уа «Хъуэпсэгъуэ нур», «Мазэ ныкъуэ щхъуант1э», «Эмирым и сэшхуэ», «Щынэхужьыкъуэ», «Нал къута», «Кхъужьыфэ» роман-трилогиехэр, «Мазэ къыщ1эк1ыгъуэ» романыр, «Бгыщхьэ хужьым укъеплъыхмэ» повестыр, нэгъуэщ1хэри. Абыхэм ящыщ дэтхэнэри ди лъэпкъым и блэк1а жыжьэм дыхагъаплъэ, тхыдэм гъунэгъу дыхуащ1, щ1эблэр дыхуагъасэ, дыхуаущий ф1ыгъуэ зэрыдлэжьыным, ди пщ1э лъагэ зэрыхъуным, ди анэдэлъхубзэмрэ щэнхабзэмрэ зэрытхъумэным, зэредгъэф1эк1уэным ди къару псори хуэдунэт1ын зэрыхуейм.

Сэ иджыри нэгъэсауэ сыщыгъуазэкъым К1ыщокъуэм и прозаическэ тхыгъэхэм. Егъэджак1уэм зэрыжи1эмк1э, абы и прозэм куууэ щыгъуазэ зыщытщ1ынур 10-нэ классырщ, ауэ сэ сф1этелъыджэри сыдэзыхьэхри абы и усыгъэрщ.

Сэ сызэрыщыгъуазэмк1э, усэбзэм и 1эф1ыр Алим япэу зыхезыгъэщ1ар и анэ Куэзщ. Усак1уэм зэритхыжамк1э, Куэз куэду ц1ыху хьэлэмэту щытащ. Ар Пщымахуэ къришат Адыгей къуажэ Хьэкурынэхьэблэ. Пщымахуэ дин 1уэхум щыхуеджар а жылэрат. Куэз унагъуэ 1уэхук1э икъук1э фыз 1эк1уэлъак1уэт, 1эпщ1элъапщ1эт, езыр жьэры1эзэт ик1и жьэнахуэт, къызыхэк1а абазэхэ адыгэ лъэпкъымрэ къызыхыхьа къэбэрдейхэмрэ я псалъэры1эзагъыр, я щэныр, я 1уэхущ1афэм дахэу хэлъыр зэдихьырт. Абы псалъэ шэрыуэу, къебжэк1ыу, уэрэду, хъыбару ищ1эхэм къыщ1эхъук1ащ Алим.

Сэ сызэрегупсысымк1э, ущалъхуа щ1ыналъэм хуэбгъэдэн зыри бгъуэтынукъым. Дэнэ щ1ып1э укъыщымыхутами, уэ абы и теплъэ дахэр уи нэгу щ1эмык1 зэпыту упсэунущ, и псыежэх 1ущащэ макъри зэхэпх къыпф1эщ1у куэдрэ узэщ1эдэ1ук1ынущ. Мис апхуэдэ гупсысэхэм дыхуешэ К1ыщокъуэм и «Кхъужьей къудамэ» усэм. Мы усэм сыкъыщеджэк1э си гур егъэп1ейтей, куэдым срегъэгупсыс. Алим зыхыдегъащ1э хэхэс хъуа ц1ыхум и Хэкум зэрыпэ1эщ1эр икъук1э къызэрехьэлъэк1ыр, абы зэрыхуэзэшыр. Ар мэлъа1уэ:

Кхъужьей къудамэ, тхьэмпэ пыту

Ди Хэкум къиши къысхуэгъэс.

Мыбы и нэгу щ1эт зэпытщ ди къурш абрагъуэхэр, ди тафэ инхэр, мэзылъэ щхъуант1эр, ди къуршыпс уэрхэр, ди бгылъэ щ1ып1эхэр, я пщ1ант1эм дэт кхъужьеишхуэр. Усэм дыкъыщоджэ:

Кхъужьей къудамэм и гъусэнут

Псы уэр уэрэду и гъэф1эн.

Пшынэншэу къуршхэр къеуджэк1мэ,

Сыхэт сигугъэу сыгуф1энт.

Усак1уэм зыхыдегъащ1э ц1ыхум дежк1э и лъахэм къраха кхъужьей къудамэм нэхърэ нэхъ лъап1э зэрыщымы1эр, сыт щхьэк1э жып1эмэ абы епхащ блэк1а сабиигъуэри, нэгъуэщ1 1уэхуф1 куэд нэгум къыщ1эувэжхэри.

Ди кхъужьеижьыр гум ихуакъым,

Езыр жыг уардэу щ1ым хэк1ащ.

Жыг щхьэк1э дыдэм сэ сыпысу

Си сабиигъуэр щ1иупск1ащ.

"Хамэ Хэку сыщытхъэ нэхърэ, си хэкужь сыщыл1э",- же1э адыгэ псалъэжьым. К1ыщокъуэ Алим и Хэкум, и лъэпкъым пэжыгъэк1э бгъэдэт ц1ыхум и пщ1эр лъагэу е1эт, и лъэпкъэгъухэр я псалъэ емыпц1ыжу, гузэвэгъуэм деж зэкъуэувэрэ бийр ирагъэк1уэтыфу, хьэщ1э къэк1уамэ, абы пщ1эшхуэ хуащ1у зэрыщытар къыхощыж "Ди лъэпкъ я псалъэ епц1ыжакъым" усэм. Алим ирогушхуэ и лъэпкъым зэрихьэ хабзэ дахэм, абы хэлъ нэмыс лъагэм.

Гупсыси псалъэ, упсэлъэнум;

Зумыплъыхьауи умыт1ыс -

Щ1ап1ык1т а хабзэм бын къащ1эхъуэр,

Щ1ыхь ар зымыдэм къылъымыст.

Ц1ыху щэджащэ! Усак1уэ телъыджэ! И гъащ1э псор пэжыгъэрэ хахуагъэк1э гъэнщ1ащ Алим. Япэ махуэхэм къыщыщ1эдзауэ зауэр иухыху, 1утащ ар зэуап1эм псэемыблэжу. Ар япэщ1ык1э щытащ ротэм и командиру, ит1анэ 115-нэ шууей дивизием и офицер хахуэу. Нэхъ иужьы1уэк1э, СССР-м и Тхак1уэхэм я союзым зэрыхэтыр къалъытэри, ар фронтым 1утхэм папщ1э къыдэк1 "Сын отечества" газетым къулыкъу щищ1эну ягъак1уэ. Хэку зауэшхуэм Алим къик1ыжащ майору, зэрихьа л1ыгъэм къыпэк1уа орден, медаль зыбжанэ и бгъэм хэлъу. Зауэ зэманым абы зэрихьа л1ыгъэмрэ хахуагъэмрэ и щапхъэщ иджыри усак1уэм и 1эдакъэ къыщ1эк1а военно-патриотическэ лирикэр(апхуэдэ усэхэр 60-м щ1егъу).

Къытпоплъэр зауэр дэ пщэдей.

Мырщ ди къалэныр абы дей:

Бийм дытек1уэн е дык1уэдын!..-

зэрыхъур умыщ1эу уи гум хохьэ сэлэт нэсым и псалъэхэр.

Псэзэпылъхьэп1э куэд ихуа, гъащ1эм и уасэр ф1ыуэ къэзыщ1а усак1уэм и 1эдакъэ къыщ1ок1 зауэм и пэжыр нахуэ къытщызыщ1 тхыгъэхэр: "Си фочым 1эпл1э есшэк1ауэ", "Сэлэт сэлам", "Сэлэт шырыкъу", "Зэкъуэшит1", "Нып", нэгъуэщ1 куэди.

Зы уси и1эу къыщ1эк1ынкъым Алим зыгуэрым ухуимыущийуэ, ухуимыгъасэу. Дыкъызыхэк1а лъэпкъыр тщ1эжу, абы хуэфэщэн пщ1э хуэтщ1ыфу, гъуэгуанэ гугъу къызэринэк1ам дриплъэжрэ абы и л1ыгъэр зыдынэсыр къэтхутэфу, ахэр дэ щапхъэ тхуэхъуу дыпсэун хуейщ. Мис апхуэдэ гупсысэк1э гъэнщ1ащ "Историк гуэрым деж" усэр.

Укъызыхэк1ар хъун пщыгъупщэ?

Ящыщым лъэк1ырт л1ы и лъэк1ыр.

Дэр папщ1э гугъэр жылэу ясэу

Дэтт вагъэмбэкъум къыдэмык1ыу.

Адэжь щ1ыналъэмрэ къызыхэк1а лъэпкъымрэ зи усэхэм щызыгъаф1э К1ыщокъуэ Алим и усыгъэм ф1ыуэ щыгъуазэ ухъуа нэужь, къыбгуро1уэ и анэдэлъхубзэм пищ1ын зэрыщымы1эр.

"Адыгэм дыадыгэщ щыжи1эк1э, псом япэу бзэр ихъумэн хуейуэ аращ сэ къызэрызгуры1уэр. Бзэр уи1эмэ, улъэпкъщ, бзэр уимы1эрэ - улъэпкъкъым, зыми ущыщкъым",- жи1эгъащ К1ыщокъуэм.

Усак1уэм и 1эдакъэщ1эк1 "Гъуэгу къежьап1эм" сэри си гум зы усэ ц1ык1у къыщигъэушащ, абы пэджэжу.



Адыгэбзэр ямыдэжу

Ц1ыху зырызхэр дэ къытхок1,

Адыгэбзэр гъуэгу къежьап1эу

Зэрыщытыр ягу къэмык1.

Адыгэбзэм хуэшэрыуэм

Урысыбзэр тынш щыхъунщ,

Ар шу лъагъуэм хуумыгъадэу

Нэхъ гъуэгушхуи къыпщыхъунщ.

Адыгэбзэр сэ сф1эгугъукъым,

Махуэ къэс с1урылъщ.

Урысыбзэм и гъуэгушхуэм

Сытехьэну си гум илъщ.

Бзэуэ щы1эм сыхагъадэм

Адыгэбзэрщ къахэсхынур.

Арщ си гъуэгум и къежьап1эр,

Арщ си гупсысап1эр.



Сэ быдэу си ф1эщ мэхъу: уи бзэм, укъызыхэк1а лъэпкъым ущыук1ытэжыныр икъук1э емык1ущ! Ц1ыхум и псэр зыхэлъыр и бзэрщ. Лъэпкъыбзэрщ ди 1уэры1уатэ къулейри, ди литературэри, ди уэрэдхэри, ди пшыналъэхэри къызэригъэщ1ыр. Лъэпкъым и бзэрщ ди хабзэ дахэхэри тхуэзыхъумэр. Сэ шэч къытесхьэркъым Алим хуэдэ ц1ыхухэр псэуху анэдэлъхубзэм и дэтхэнэ псалъэри псэм и налъэу, гурыщ1э къабзэу, гухэлъ дахэр, гупсысэм и куууп1эр къэзы1уатэу зэрыщытынум. Езым зэрыжи1ащи:

Бзэ зимы1эр щ1ылъэм тетми,

Хуэдэ къабзэщ къамылъхуам.

Сэ схужы1энукъым К1ыщокъуэ Алим и творчествэм куууэ сыщыгъуазэу(сэ 9-нэ классым сыщ1эс къудейуэ аращ), ауэ икъук1э сызытхьэкъуа ц1ыху щэджащэм и усэхэм ящ1элъ гупсысэ куум сащогугъ гъащ1э гъуэгу сызытехьэнум дэ1эпыкъуэгъу нэс къыщысхуэхъуну.

Сык1уэнт нэхъ псынщ1эу схузэф1эк1ым-

Мычэму си шыр согъэлъэхъу.

Ныбжьэгъу, уэ ф1ык1э уигу сыкъэк1ым,

Си гъуэгу к1ыхь хъуну къызэхъуэхъу!

Сэ сыпсэун щ1эздза къудейуэ жып1э хъунущ. Гъащ1эм гугъэф1 1эджэ щызи1эщ. Ди лъэпкъ мащ1эр, ауэ гуащ1эр 1уэху щхьэпэ 1эджэк1э сегуэпэк1ыну къысщогугъ. Ищхьэк1э зи гугъу сщ1а ц1ыху щэджащэм и щапхъэм сытетмэ, сэри схузэф1эк1ыну къыщ1эк1ынщ 1эджэ 1уэхугъуэф1.

Ц1ыху зырызхэм я гугъэщ: къуажэм къик1а адыгэ щ1алэжь ц1ык1ущ.Сыт хуэщ1эн абы! Сэ абы зэи арэзы сытехъуэфынукъым! К1ыщокъуэ Алими хуэдэу адыгэ щ1алэжь ц1ык1укъэ, къуажэм къик1атэкъэ Темыркъан Юрэ? Сэ сф1этелъыджэщ абы и гъащ1эр. Ар лъэпкъыр зэрыпагэ, зэрыгушхуэ, абы и щ1ыхьри, и пщ1эри, и нэмысри лъагэу зы1эт ц1ыхушхуэщ.



Сэ сызэрыщыгъуазэмк1э, Темыркъан Юрэ Зэрыгъыж жылагъуэм 1938 гъэм къыщалъхуащ. Къызэрыгуэк1 адыгэ щ1алэ ц1ык1ут. Юрэ и адэ Хьэту искусствэ 1уэхухэмк1э Комитетым и унафэщ1у щытащ. 1941 гъэм, Хэку зауэшхуэм и зэманым, Москва къик1ри искусствэм и лэжьак1уэ гуп Налшык къэк1уэгъат. Абыхэм яхэтащ композитор Прокофьевыр. Композитор ц1эры1уэр мызэ-мыт1эу Темыркъанхэ я унагъуэ щыхьэщ1ащ. Абы гулъытэ хэха хуищ1ырт Юрэ щ1алэ ц1ык1ум, ауэ и гущхьэ къэк1ыу къыщ1эк1ынтэкъым абы а сабий губзыгъэ ц1ык1ур иужьы1уэк1э дуней псом щынэхъыф1 дыдэу къалъытэ дирижерхэм ящыщ хъуну.

Темыркъаныр Англием ирагъэблагъэурэ Лондовскэ королевскэ симфоническэ оркестрым и унафэщ1у лэжьащ. Америкэм яшэурэ Филодельфийскэ, Оскфордскэ оркестрхэм ядэлэжьащ. Францием, Германием, Италием, Испанием, нэгъуэщ1 къэралхэми концерт итыну мак1уэ. А ц1ыху щэджащэм ц1э лъап1эрэ саугъэту къыхуагъэфэщахэр бжыгъэншэщ.

Иджыпсту Темыркъан Юрэ Санкт-Петербург щопсэу ик1и щолажьэ.

Сэ ф1ы дыдэу солъагъу классическэ музыкэр, абы сыдехьэх схужы1энукъым. Дирижер 1эщ1агъэри си дежк1э нэ1уасэу щыткъым, ауэ ди адыгэ дирижер ц1эры1уэр телевизорк1э щыслъагъук1э, сэ пхуэмы1уэтэн гушхуэныгъэм се1эт, дамэхэм бгъэр зэра1этым хуэдэу.

Гук1и псэк1и сэ ф1ы дыдэу къызгуро1уэ, ц1ыху псори зэхуэдэу усак1уэшхуэ, музыкантышхуэ, щ1эныгъэл1 ц1эры1уэ...зэрымыхъунур, ауэ быдэу си ф1эщ мэхъу мыпхуэдэ ц1ыху зырызхэр си лъэпкъ 1эф1ым къыхэк1мэ, адыгэбзэр зэик1 зэрымык1уэдынур, дэнэк1и зэрыщы1унур.

Иджыпсту сэ си унагъуэми щ1эсщ "срещхь сыхъуарэт" жыхуэс1э ц1ыху. Ар си къуэш нэхъыжьыр арщ. Къуажэ еджап1эр ф1ы дыдэу къиуха нэужь, абы хузэф1эк1ащ Москва дэт еджап1э нэхъыщхьэ щ1эт1ысхьэну. Си къуэшым къыхихащ программист 1эщ1агъэр, и еджэк1эм къызэригъэлъагъуэмк1и, псоми япэ иту мак1уэ. Ар Къэрэгъэш къуажэ зэрыщыщри зэрыадыгэ щ1алэри зык1и ибзыщ1къым, абы ирогушхуэ армыхъумэ.



Мыпхуэдэ щ1алэ гуащ1аф1эхэр лъэпкъым и набдзэщ, сэ схуэдэхэм я идеалщ.



Достарыңызбен бөлісу:




©dereksiz.org 2024
әкімшілігінің қараңыз

    Басты бет